Епархием и педсоветыр траухуащ тхьэмахуэ школхэм я гъэсэныгъэм

31.08.2018
Просмотры: 2716

2018 гъэм шыщхьэуIум и 30-м Псыхуабэ, Черкесск епархием и тхьэмахуэ школхэм я егъэджакIуэ, унафэщIи 1175-р еянэу щызэхуэсащ Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам и ЩIалэгъуалэ центрым епархием и педсоветым. Тхьэмахуэ школхэм я унафэщIхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ тепсэлъыхьащ гъэсэныгъэ лэжьыгъэм зэрызрагъэужьынум. Ар иригъэкIуэкIащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт.
Епархием дин щIэныгъэмрэ катехизацэмкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Фаустов Константин гъэсэныгъэ лэжьыгъэм и зыужьыныгъэ нэхъыщхьэу къигъэлъэгъуащ екIуэлIапIэм и гъащIэм къыхэшэныр, чристэн зэгухьэныгъэм и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ зыхэгъэгъуэзэныр. Щоджэным къызэрилъытэмкIэ ар
тхьэмахуэ школхэм я Iуэхум хэухуэнэн хуейщ.
Епархием и богословскэ-катехизатор курсхэм я унафэщI щоджэн нэхъыжь Симанович Олег тхьэмахуэ школхэм я лэжьыгъэм щыщ щыуагъэхэр къыхигъэщхьэхукIащ, балигъхэм хуэфащэ гулъытэ ныбжьыщIэхэм зэрырамытыр къыхигъэщу. «Ди сабийхэр зэплъыр, зэджэр, дэзыхьэхыр тщIэну ди къалэнщ. Абыхэм яфIэгъэщIэгъуэным дытепсэлъыхьын хуейщ», - къыхигъэщащ Олег. ЕгъэджакIуэхэм я упщIэхэм жэуап иритащ архиепископ Феофилакт. Абы къыхилъхьащ тхьэмахуэ школхэр ИнджылкIэ, сабийхэм я лъагъуныгъэкIэ, ди фIэщхъуныгъэм и хъугъуэфIыгъуэкIэ дгъэнщIыну. Тхьэмахуэ школым и гъэсэныгъэ лэжьыгъэм нэхъыщхьэр егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ я зэхущытыкIэфIырщ. Ар чристэн лъагъуныгъэр и лъабжьэу ухуэн, цIыхугъэкIэ гъэнщIын хуейщ. АбыкIэ дэIэпыкъуэгъуфIщ екIуэлIапIэм и гуапащIэр, балигъхэр сабийхэм я дунейм хэгъуэзэныр. Абыхэм я гупсысэр, я акъылыр зэтар.
ЕгъэджакIуэхэм я советым хэтхэм ята упщIэхэри Iуэхум хуэунэтIат. Ар псом нэхъыбэу теухуат сабийхэм я духовнэ гъащIэм: гуэныхьхэр Iуэтэжыным, тхьэлъэIум, щэхухэм зыхэгъэгъуэзэным. Зэхыхьэм щагъэлъэпIащ епархием и «Зарисовка из жизни последних Романовых» Урысейпсо литературнэ-художественнэ олимпиадэм и епархие
Iыхьэм пашэ щыхъуахэр. ЕгъэджакIуэ нэхъыфIхэм иратащ щоджэн нэхъыщхьэм и щIыхь тхылъыр. ЕгъэджакIуэхэм я советым хэта псоми тхылъхэмрэ тхьэнапэхэмрэ
тыгъэ хуащIащ.

2716
Фотогалерея