Гимназием и гъэсэнхэм алыфбейм и тхыдэр яджащ икIи лIыхъужь-гъунапкъэхъумэхэр ягу къагъэкIыжащ

30.05.2018
Просмотры: 2187

2018 гъэм накъыгъэм и 28-м Черкесск и Свято-Сергиевскэ гимназием и гъэсэнхэм зэхуащIыжащ славян алыфбейм и тхыдэ напэкIуэцIхэр джыныр. НыбжьыщIэхэм зыхагъэгъуэзащ славян тхыбзэм и къежьапIэм теухуа тхыдэ дэфтэр гъэщIэгъуэнхэм, апостол пэлъытэхэу зэкъуэшхэу Кириллрэ Мефодийрэ алыфбейр зэрызэхагъэувам теухуа театр теплъэгъуэ еплъащ. ЕджакIуэхэр урыс школыжьым щыIащ, алыфбеймрэ хьэрфылъэмрэ зэрызэщхьэщыкIым зыхагъэгъэузащ, къазыцкIэ тхащ. НыбжьыщIэхэм гурыIуэгъуэ ящыхъуащ урысыбзэр нэхъыжьхэм къытхуагъэна хъугъуэфIыгъуэу зэрыщытыр икIи ар къэкIуэну щIэблэм папщIэ дахэу, къулейуэ, къабзэу яхъумэну хущIэкъуну мурад ящIащ.
А махуэм Урысейм щагъэлъэпIащ гъунапкъэхъумэдзэхэр илъэсищэ зэрырикъур. Гимназием и гъэсэнхэм папщIэ Гъунапкъэхъумэ управленэм и кураторхэм дерс ирагъэкIуэкIащ, махуэшхуэм теухуауэ. Дерсым щызэхуэсащ гъунапкъэхъумэ ныбжьыщIэ еплIанэ, ещанэ классым щIэсхэр. Гъунапкъэхъумэ управленэм и ветеран IэухущIапIэм и унафэщI, запасым и полковник Юрьев Сергей, Черкесск къалэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и центр №11-м и унафэщI Ляшовэ Еленэ, «Урысейм и уахътыншэ полк» ООД-м и щIыналъэ штабым хэт Дзагаев Альберт сымэ щапхъэ къахьурэ еджакIуэхэр махуэшхуэм и тхыдэм хагъэгъуэзащ.
Юрьев Сергей гъунапкъэхъумэ IуэхущIапIэр къызэрыунэхуамрэ абы зэрызиужьамрэ тепсэлъыхьащ. Щоджэн нэхъыжь Кузнецов Сергий еджакIуэхэм гу лъаригъэтащ къэралым и тхыдэр яджыным мыхьэнэшхуэ зэриIэм. «Урысейм и уахътыншэ полк» ООД-м и щIыналъэ штабым хэт Дзугаев Альберт гъунапкъэхъумэ ныбжыьщIэхэр къыхуриджащ лIыхъужьхэм щапхъэ трахыну.

2187
Фотогалерея