ГъэшхэкI щамышх тхьэмахуэр махуэшхуэкIэ зэхуащIыжащ

20.02.2018
Просмотры: 2553

Щэбэтым щIыналъэм щыпсэухэм папщIэ Исправнэ станицэм (КъШР) махуэшхуэ щрагъэкIуэкIащ. псори а зэхыхьэм хэтащ. Блинхэр, д элэнхэр, псыхьэлывэхэр, нэгъуэщI шхыныгъуэхэр куэду ящIат. Станицэм и администрацэм и Iэтащхьэ Брыкинэ Маринэ унэгуащэфI къудейкъым, атIэ абы икIи станицэм щызэхуишэсащ пщафIэ Iэзэхэр. Махуэшхуэр щIэщыгъуэ икIи гукъинэж хъуащ. ЩIымахуэ щIыIэ нэужьым станицэм хуабэр къыщыблэгъащ. Станицэдэсхэр махуэшхуэмрэ дунейм и щытыкIэфIымрэ ягу дыхьэрт. Зэхыхьэхэр щекIуэкIащ члисэм пэгъунэгъу утыкум. Станицэдэсхэм я гъусэу гуфIащ икIи гушхуащ щIыналъэм и екIуэлIапIэм и унафэщI щоджэн Якушев Александр.
Котляревскэ станицэм (КъБР) хабзэ зэрыхъуауэ цIыхубэр щызэхуэсащ. НыбжьыщIэхэм къэзакъ къафэхэр ягъэзэщIащ. Къызэхуэсахэм захуигъэзащ Покров члисэм и унафэщI къалэныр зыгъэзащIэ щоджэн Арманов Николай. Ар станицэдэсхэм ехъуэхъуащ къапэщылъ щыхуагъэгъу тхьэмахуэмкIэ икIи НэщI Иныр зэрыщIидзэр ягу къигъэкIыжащ.
А махуэ дыдэм Греческэ къуажэм щекIуэкIащ «Широкая Масленица» махуэшхуэр. Ар япэу «Кавказская Эллада» этнографие музейм щрагъэкIуэкIащ, Георгиевскэ члисэм щыIэм. Къызэхуэсахэм программэ къапэплъэрт. Ар игъэхьэзыращ щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм. «Юный актёр» зэгухьэныгъэм хэтхэм театр теплъэгъуэхэр, цIыхубэ къафэхэр, щIымахуэм теухуа уэрэдхэр, ягъэлъэгъуащ. Къызэхуэсахэм махуэшхуэм и тхыдэмрэ хабзэхэмрэ хагъэгъуэзащ. Псом хуэмыдэу джэгухэр гъэщIэгъуэну екIуэкIащ. Абы сабийхэм къадэкIуэу балигъхэри хэтащ. Зэхыхьэм хэтащ члисэм и унафэщI щоджэн Пронь Алексей. Абы къызэхуэсахэм захуигъэзащ махуэшхуэ хъуэхъукIэ икIи ягу къигъэкIыжащ НэщI Иныр зэрыщIидзэмкIэ. Щоджэным къызэхуэсахэм захуигъэзащ къахуигъэгъуну икIи яжриIащ зэрынэщIыну щIыкIэр. Къызэхуэсахэр шхыныгъуэхэмкIэ ягъэхьэщIащ. ЩэнхабзэмкIэ унэм хьэщIэхэм махуэшхуэ концерт къащыпэплъэрт.
Кисловодск и Крестовоздвиженскэ члисэм и тхьэмахуэ школым щекIуэкIащ «На масленицу не скучаем, блинами угощаем» махуэшхуэр. Члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Лиманов Гермоген сабийхэм махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ икIи махуэшхуэм яхутепсэлъыхьащ. Сабийхэр, адэ-анэхэр, тхьэмахуэ школым и егъэджакIуэхэр Iэнэм ягъэтIысащ. Шэджэгъуашхэ нэужьым махуэшхуэм хэтхэр члисэм кIуащ пщыхьэщхьэ тхьэлъэIум.

2553
Фотогалерея