Щихъ Саровский Серафим ягу къыщагъэкIыжащ Свято-Троицкэ къулъшырыфым

16.01.2018
Просмотры: 3143

2018 гъэм щIышылэм и 15-м, щихъ Саровский Серафим дунейм щехыжа махуэм, Совхознэ къуажэм (КъБР) и Троицэ-Серафимовскэ цIыхубз къулъшырыфым и Тхьэнапищ члисэм Налшык округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентин я пашэу тхьэлъэIу лиутргиерэ Саровский Серафим и акафист тхьэлъэIумрэ щрагъэкIуэкIащ. Махуэшхуэм щызэхуэсащ Налшык, Прохладнэм, Тырныауз къалэхэм, Новополтавскэ къуажэм щыщхэр. ТхьэлъэIу нэужьым къулъшырыфым и хьэщIэхэм я зэпсэлъэныгъэм шэджэгъуашхэм щыпащащ.

3143
Фотогалерея