Щихънагъ Феофилакт Кавказскэ къуажэм къарум щыщ Iыхьэхэр ихьащ

22.10.2017
Просмотры: 3059

2017 гъэм жэпуэгъуэм и 21-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт гуфIэгъуэ щытыкIэм иту къарум щыщ Iыхьэхэр игъэIэпхъуащ Кавказскэ къуажэм (КъШР) и Георгиевскэ члисэм Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Георгий и къарум щыщ Iыхьэхэр. Пастыр нэхъыщхьэм члисэм тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ. Абы къулыкъур драгъэкIуэкIащ Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Нартов Александр я пашэу.

Члисэм къарум щыщ Iыхьэхэр ягъэIэпхъуэну екIуэлIапIэм кIуэхэр щихънагъым елъэIуащ 2017 гъэм бадзэуэгъуэм и 27-м, Урысейм и Президентым и Полпреду КИФЩI-м щыIэ Белавенцев Олег щыIущIам. Къарум щыщ Iыхьэхэр зэпымыууэ щыIэщ ЕссэнтIыгу пэгъунэгъу Дубровкэ бгым тет Георгиевскэ цIыхубз къулъшырыфым. Абы къарум щыщ Iыхьэхэр Владикавказ и Георгиевскэ члисэ зэхуэхьэсам ирагъэIэпхъукIри яшащ. Осетие Ищхъэрэм и къалащхьэм лъапIэныгъэр 2010 гъэм Каир кърашыу ягъэIэпхъууэ щытащ. «Фи гъусэу а тхыдэ Iуэхугъуэм срогуфIэ. Ар псом хуэмыдэу гуапэщ ди республикэм и къэралыгъуэр илъэс 25-рэ зэрырикъум зэрырихьэлIэр, хьэщIэхэр къыщедгъэблагъэм имызакъуэу, чристэн лъапIэныгъэхэр къызэрыщыдгъэIэпхъуэр. КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашидрэ ди ныбжьэгъухэмрэ я фIыгъэкIэ яухуа члисэм а Iуэхугъуэхэр щокIуэкI. Си фIэщ мэхъу Тхьэм и нэфI зыщыхуа, ТекIуэныгъэ къэзыхьа Георгий зэрепсэлъылIэнум Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэухэмрэ и хьэщIэхэмрэ гукъыдэж къаритыну зэрыщыгугъыр», - жиIащ щоджэн нэхъыщхьэм.
Къэрэшей-Шэрджэсым лъапIэныгъэр тхьэмахуитIкIэ щыIэнущ.

3059
Фотогалерея