Щихънагъ Феофилакт IущIащ СКФУ-м и къудамэм и студентхэм

30.09.2017
Просмотры: 2686

2017 гъэм фокIадэм и 28-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт IущIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетым и студентхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ.
Туризмымрэ хьэщIагъэмрэ зегъэужьыным щIэныгъэ и IуэхукIэ щыбгъэдыхьэу щIыналъэм иIэ еджапIэхэм ящыщщ ар. Граждан-патриот гъэсэныгъэм къыдэкIуэу гулъытэ ин хуащI студентхэм я нравственнэ зыужьыныгъэм. Пастыр нэхъыщхьэр студентхэм щIаIущIари аращ. 
Щихънагъ Феофилакт студентхэм яхутепсэлъыхьащ дэтхэнэ зы лъэпкъми и хьэщIагъэ хабзэр диным зэрыпыщIар. «ХьэщIэр дэIэпыкъуныгъэ щIэлъэIуу къыщIыхьауэ е зэман гуэркIэ унэм щIэсыну къекIуэлIауэ аракъым. Кавказым щыпсэу лъэпкъхэр абы хущытщ уафэм къехыу къагъэкIуа пэлъытэу. Ар Тхьэм и лIыкIуэу къалъытэрт», - къыхигъэщащ Пастыр нэхъыщхьэм.
Пастыр нэхъыщхьэм зэрыIущIар студентхэм щIэщыгъуэ ящыхъуащ, зэхуэсахэм дин зэмылIэужьыгъуэм, лъэпкъ щхьэхуэхэм щыщхэр зэрыхэтми емылъытауэ. Щоджэн нэхъыщхьэм щIалэгъуалэм зыхуагъэзащ зыгъэгузавэ упщIэхэмкIэ. СКФУ-м кавказ хьэщIагъэмкIэ и Школым и студентхэм псом хуэмыдэу упщIэ куэд ятащ.
Щихънагъ Феофилакт къудамэм и унафэщI Шыбзыхъуэ Татьянэ епсэлъылIащ, еджапIэм и лэжьыгъэм зыхигъэгъуэзащ. Студентхэм къыкIэлъыкIуэу мы гъэм зэIущIэ аргуэру драгъэкIуэкIыну зэгурыIуащ.

2686
Фотогалерея