Ставропольем ЕгъэджэныгъэмкIэ и министрыр Кисловодск и чристэн гимназием щыIащ

05.08.2017
Просмотры: 1738

2017 гъэм шыщхьэуIум и 4-м Ставрополь крайм Егъэджэныгъэмрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ и министр Козюр Е. Н. лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Чристэн Свято-Никольскэ классическэ гимназием, Кисловодск къалэ-зыгъэпсэхупIэм и школхэр къэпщытэным и IуэхукIэ. Абы щIыгъуащ кисловодск къалэ-зыгъэпсэхупIэм и администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и управленэм и унафэщI Бутин Ю. б.
Гимназием и унафэщI щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн гимназиер къызэзыгъэпэща, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт и фIэхъусыр ярихыжащ икIи и хъуэхъур ялъигъэIэсащ. Апхуэдэу яхутепсэлъыхьащ IуэхущIапIэм зрагъэужьыну зэрамурадым. ХьэщIэхэм зыщаплъыхьащ спортзалым, шхапIэм, библиотекэм, гимназием и пэшхэм. Козюр Е. егъэджакIуэхэмрэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэмрэ епсэлъащ икIи гъэ еджэгъуэщIэм ехъулIэныгъэ куэд яIэну ехъуэхъуащ.
Зэхыхьэр щиухым гимназием и унафэщIым министрым фIыщIэ хуищIащ Чристэн гимназием ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэмрэ Ставрополь крайм и Правительствэмрэ гулъытэ къызэрыхуащIам папщIэ икIи жиIащ дяпэкIи зэдэлэжьэну зэрыщыгугъыр.

1738
Фотогалерея