Щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт къардэн къулыкъур хуигъэфэщащ

31.07.2017
Просмотры: 3546

2017 гъэм бадзэуэгъуэм и 30-м, махуэ щэ ныкъуэм къыкIэлъыкIуэ тхьэмахуэ 50-м, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и клирикхэм. ТхьэлъэIу уэрэдхэр жиIащ регент Кубэ Аннэ зэригъакIуэ щоджэн нэхъыщхьэм и хорым. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу тхьэлъэIум хэтащ псыхуабэдэсхэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ.
ТхьэлъэIум и пэ къихуэу щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт екIуэлIапIэм кIуэхэм яригъэцIыхуащ къардэн къулыкъур зыхуигъэфэщэну, Санкт-Петербург и Духовнэ академием и студент Шкурко Сергий. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм итхэм къеджа нэужь, Пастыр нэхъыщхьэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Евхрание канон нэужьым щихънагъ нэхъыщхьэм къардэн къулыкъур хуигъэфэщащ Шкурко Сергий.
Хабзэ зэрыхъуауэ тхьэлъэIу нэужьым щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт члисэ зэхуэхьэсам екIуалIэхэм епсэлъылIащ.
А махуэр Псыхуабэ епархием и хъыбарегъащIэ-издательскэ къудамэм и  япэ унафэщI Бронский Евгений къалъхуащ. Пастыр нэхъыщхьэм Евгений и кхъащхьэ Псыхуабэ и Хорошевскэ кхъэм деж тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ дунейм ехыжам и щхьэгъусэр, и унагъуэм щыщхэр, епархием и управленэм и лэжьакIуэхэр, унагъуэм и Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр. Щихънагъ нэхъыщхьэм къызэхуэсахэм захуигъэзащ.

3546
Фотогалерея