Щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт Псыхуабэ къалэ сымаджэщым и члисэм литургие щригъэкIуэкIащ

30.07.2017
Просмотры: 3895

2017 гъэм бадзэуэгъуэм и 29-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Симферополь и щихънагъ нэхъыщхьэ, щихъ Лукэ и цIэр зэрихьэу Псыхуабэ къалэ сымаджэщым дэт члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием и Административнэ секретариатым и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илия, члисэм и унафэщI щоджэн Видялин Александр, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу ТхьэлъэIум хэтыну къызэхуэсащ гуапагъэ зыщIэу члисэм щыIэ шыпхъухэр, сымаджэщым зи узыншагъэр щезыгъэфIакIуэхэмрэ абы и лэжьакIуэхэмрэ.

ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм итхэм къеджа нэужь, щихънагъ нэхъыщхьэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Ектении нэужьым щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт Украинэмрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ мамырыгъэ щыIэн папщIэ Тхьэ елъэIуащ.
Литургие нэужьым щихънагъ нэхъыщхьэр сымаджэщым и къ удамэм кIуащ икIи зи узыншагъэр езыгъэфIакIуэ сабийхэм саугъэтхэр яритащ. Щихънагъ
нэхъыщхьэр медицинэ IуэхущIапIэм и унафэщIхэм епсэлъащ. А махуэм и пщыхьэщхьэм щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам тхьэмахуэ тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и клирикхэм. ТхьэлъэIу уэрэдхэр жаIащ Кубэ Аннэ зэригъакIуэ щоджэн нэхъыщхьэм и хорым хэтхэм. Хабзэ зэрыхъуауэ, Пастыр нэхъыщхьэр Шестопсалмие къеджащ. Щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт Инджылым къеджащ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм дагъэ гъэнэхуам щыщ ящихуащ.

3895
Фотогалерея