Советым и спикер Матвиенкэ Валентинэ фIэхъус ирихащ

15.07.2017
Просмотры: 2194

2017 гъэм бадзэуэгъуэм и 14-м Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Совет Матвиенкэ Валентинэ Кисловодск и щIыпIэ дахэхэм лэжьыгъэ IуэхукIэ зэIущIэхэр щригъэкIуэкIащ. ЗыгъэпсэхупIэм япэу щытIыса Ребров Алексей и фэеплъым деж Матвиенкэ Валентинэ фIэхъус щрихащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт. 

«Ребров Алексей Ставрополь ефIэкIуэн папщIэ куэд зэфIигъэкIащ, псом хуэмыдэу Кавказым и Минводы. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIа «Правила устройства Кавказских Минеральных Вод» тхылъыр илъэс куэдкIэ къалэ-зыгъэпсэхупIэхэм ухуэныгъэхэр щрагъэкIуэкIкIэ къагъэсэбэпащ, псом хуэмыдэу Кисловодск. Зи щIыналъэр фIыуэ зылъагъухэу крайм и губернатор Владимиров Владимир, сенатор Афанасов Михаил сымэ я фIыгъэкIэ, нобэ Урысей Кавказым и напэкIуэцIхэм теухуа тхыгъэщIэхэр ягъэхьэзыр.  ПщIэ зыхуэтщI Матвиенкэ Валентинэ, фIыщIэ фхудощI фIыуэ ди щIыналъэр зэрыфлъагъумрэ абы щыпсэухэм фыкъызэрыддэIэпыкъумрэ папщIэ, апхуэдэу щIыналъэм зегъэужьынымрэ ар хъумэнымрэ теухуа Iуэху зэIумыбзхэр зэрызэфIэфхым щхьэкIэ. Кисловодск къалэм дэсхэм я гъусэу фIыщIэ фхузощI Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча щихъ Пантелеимон и цIэр зезыхьэ члисэр зэрызэвгъэпэщыжам, Ребров Алексей иухуауэ щыта члисэ цIыкIур къызэрывгъэщIэрэщIэжым папщIэ»», - жиIащ щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт.

Щихънагъ нэхъыщхьэм хьэщIэм фэеплъу иритащ Петербургская Ксение и тхьэнапэр. Валентинэ гуапэу фIыщIэ яхуищIащ зи тхыдэр фIыуэ зылъагъухэм, лъапIэныгъэхэр зэфIэгъэувэжынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъухэм.

2194
Фотогалерея