Сабий «дыгъэхэм» я плъыфэ щхъуэкIэплъыкIэхэр

26.06.2017
Просмотры: 3172

ЩIыналъэм и «Сэ гуапагъэ сощIэ» япэ арт-проектыр ягъэлъагъуэу зэхуащIыжащ ЕссэнтIыгу къалэм Псыхуабэ, Черкесск епархием зи узыншагъэм къимыхь и сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я «ДыгъафIэ къалэ» Центрым и лэжьыгъэр.

Центрым и унафэщI Земцевэ Екатеринэ жеIэ: «Мы музыкэ-театр арт-проектыр къызэрагъэпэщащ ОВЗ узыфэ зыпкъырыт ныбжьыщIэхэм я творческэ зэфIэкIыр къызэIуахын папщIэ. Абы сабий «дыгъэхэри», зи узыншагъэм сэкъат имыIэхэри къызэщIиубыдэу. Зэхуэсым и лэжьыгъэм хыхьэу абы зыхуагъэхьэзыращ. Ар утыку кърахьэнущ. А проектым еплъынухэм, абы зыкърезыгъэхьэлIэнухэм ар ягу зэрыдыхьэнум шэч къытетхьэркъым. Спонсор дэIэпыкъуныгъэ диIэну дыщогугъ, проектыр адэкIи дгъэзэщIэн папщIэ».

ОВЗ узыфэ зыпкъырыт сабийхэр режиссёр-постановщик Омельченкэ И. и спектаклым щхъуэкIэплъыкIэу хэтщ. Авторым къызэрилъытэмкIэ, абыкIэ къигъэлъэгъуэну хэтщ абыхэм я гъащIэр зэрыщIэщыгъуэр, щхъуэкIэплъыкIэу, плъыфэбэу зэрызэхэлъыр. «ДыгъафIэ къалэ» центрым абыхэм зыщаужь я ныбжьэгъу сабий узыншэхэм я гъусэу. «Узыфэхэм я зэранкIэ языныкъуэ сабийхэр зэкIуэцIылъщ, цIыхухэм яхэтыну мэшынэ. Абыхэм зыкъызэкъуахынымкIэ дадоIэпыкъу. Зэпымыууэ фIыщIэ къыпхуэзыщI театреплъхэр щыIэщ, - къыхигъэщащ Земцевэ Екатеринэ.

Спектаклым сабий сымаджэхэм къадэкIуэу волонтерхэри, Псыхуабэ и ТЮЗ-м и актёр ныбжьыщIи хэтащ. Адэ-анэхэри Iуэхум зыщыхуагъэхьэзырым жыджэру хэтащ. ЕссэнтIыгу къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Поповэ Н. актёрхэр игъэлъэпIащ. Псыхуабэ, Черкесск епархием псапэ щIэнымрэ социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр лэжьынымкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Еланцев Сергий абыхэм защыхуигъазэм жиIащ: «Iуэху гуапэ влэжьащ, гу къабзэ фиIэщ. Фи IуэхущIафэхэр сабийхэми балигъхэми щапхъэ яхуэхъуну Тхьэм жиIэ. ГуфIэгъуэ, лъагъуныгъэ, ныбжьэгъу куэд фиIэну сынывохъуэхъу».

Спектаклым хэта псоми фIыщIэ тхылъхэр иратащ, «За прилежание» дамыгъэхэр щIыгъуу. Актёрхэмрэ хьэщIэхэмрэ Iэнэм ирагъэблэгъащ.

3172
Фотогалерея