Тхьэм папщӏэ бэлыхь куэд Зрагъэшэча Текӏуэныгъэ Къэзыхьа Георгий и фэеплъ махуэм Кисловодск и куржы зэгухьэныгъэм щихъым и щӏыхькӏэ махуэшхуэ иригъэкӏуэкӏащ. Зэӏущӏэр къызэрагъэпэщащ жылагъуэм и унафэщӏ Лобжанидзе Пётр и жэрдэмкӏэ.
Махуэшхуэм ирагъэблэгъащ къалэм и лъэпкъ, дин зэгухьэныгъэу 25-м нэблагъэм я лӏыкӏуэхэр. Зэӏущӏэр «Ди Адэ»тхьэлъэӏумкӏэ къыщӏидзащ.
Хэтахэр тепсэлъыхьащ Лъэпкъ куэду Зэхэт Кисловодск щыпсэу лъэпкъхэм я зэгъунэгъуфӏым, пщӏэ зэхуэщӏыным, зэкъуэтыныгъэм. Хьэщӏэхэм лъэпкъ хабзэхэр зрагъэцӏыхуащ, цӏыхубэ уэрэдхэр зэхахащ, къафэхэри къалъэгъуащ.
Пятигорскрэ Черкесскрэ я архиепископ Феофилакт и нэфӏ къыщыхуауэ протоиерей Лиманов Гермоген къызэхуэсахэм фӏэхъус ярихри, мамырыгъэм, лъагъуныгъэм, фӏым, зэӏузэпэщыгъэм я тхьэлъэӏу хъуэхъухэр яритащ.