Патриарх Лъапӏэм и юбилейм ирихьэлӏэу махуэшхуэ концерт

28.11.2026
Просмотры: 12

Кисловодск къалэм и «Дружба» щэнхабзэ-узэщӏакӏуэ центрым щекӏуэкӏащ Москварэ урысей псомрэ я Патриарх Лъапӏэ Кирилл илъэс 80 зэрырикъум теухуа махуэшхуэ концерт.

Махуэшхуэ программэр къызэӏуихащ Синявская Татьянэ зи унафэщӏ Чристэн гимназием и хорым. Хористхэм Ягъэзэщӏащ Урысей Федерацэм и Къэрал гимнымрэ «Радуйтеся, люди»концертымрэ.

Пэшым щызэхуэсащ къалэ-курортым и хабзэ дин зэгухьэныгъэхэм я лӏыкӏуэхэр. Абыхэм къыхагъэщащ Урыс Чристэн Члисэм и Унафэщӏым псэкупсэ-щэнгъасэ лъапӏэныгъэхэр хъумэным, дин зэхуаку зэпсэлъэныгъэм зегъэужьыным хуищӏа хэлъхьэныгъэр.

Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и Клирик протоиерей Грамацкий Андрей тепсэлъыхьащ Патриарх Лъапӏэ Кирилл и гъащӏэ гъуэгум, зэрыцӏыкӏурэ фӏэщхъуныгъэм, тхьэлъэӏум, члисэ къулыкъум епхам. Щоджэным къыхигъэщащ Урыс Чристэн Члисэм и Унафэщӏым и гъащӏэмрэ и лэжьыгъэхэмрэ Тхьэмрэ Члисэмрэ яхуэлэжьэным зэрытеухуар.

Концерт программэми зыкъыщагъэлъэгъуащ «Дружба»щэнхабзэ-узэщӏакӏуэ центрым и къэфакӏуэ, уэрэджыӏакӏуэ гупхэм. Программэр Иухащ Чристэн гимназием и хорым. Хористхэм уэрэдитӏ ягъэзэщӏащ икӏи Илъэс куэдкӏэ Ягъэӏуащ Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Лъапӏэ Кирилл.

12
Фотогалерея