Хъумакӏуэхэм я унагъуэхэм псэкӏэ зыщӏагъэкъуащ

27.11.2026
Просмотры: 26

Къэрэшей-Шэрджэсым жылагъуэ дэӏэпыкъуныгъэмкӏэ и штабым щекӏуэкӏащ дзэ операцэ хэхам хэтхэм я унагъуэхэм псэкупсэ, психологие и лъэныкъуэкӏэ защӏэгъэкъуэным теухуа зэӏущӏэ. Ар екӏуэкӏащ «КСВО — м и илъэси 4-ӏуэхуфӏ 400»акцэм хыхьэу.

Зэӏущӏэм хэтащ Хэкум и зауэлӏхэм Я унагъуэхэм Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щаӏэ Комитетым и унафэщӏ Анушко Аидэ, Черкесск къалэм И Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и клирик щоджэн Гурин Александр, дзэм къулыкъу щызыщӏэхэм я унагъуэхэр, дзэ операцэ хэхам хэтхэр.

Хэтахэр тепсэлъыхьащ гугъуехь щыхэтым цӏыхум зэрызыщӏигъэкъуэнум, и псэм и къарур зэрихъумэнум, и фӏэщхъуныгъэмрэ и ӏыхьлыхэм зэрадэӏэпыкъумрэ щӏэгъэкъуэн къызэрыщигъуэтынум.

Ди адэ Александр тепсэлъыхьащ хэкӏуэда дзэ къулыкъущӏэхэм я анэхэмрэ фызхэмрэ псэкӏэ зэрызыщӏагъакъуэм. Абы зэрыжиӏэмкӏэ, зэпсэлъэныгъэмрэ хэтыныгъэмрэ хэщӏыныгъэр зыгъэвхэм къару ягъуэтынымкӏэ, я гуауэм я закъуэу къэмынэнымкӏэ ядоӏэпыкъу.

Языныкъуэ бзылъхугъэхэр я ӏыхьлыхэр яфӏэкӏуэда нэужь, хэкум и зауэлӏхэм я унагъуэхэмрэ волонтёр зэгухьэныгъэхэмрэ я Комитетым и лэжьыгъэм хыхьащ. Иджы ахэр езыхэр ядоӏэпыкъу гъэунэхуныгъэ хьэлъэхэм ӏууа цӏыхухэм.

Зэӏущӏэм хэтахэм къыхагъэщащ хэкум и хъумакӏуэхэм я унагъуэхэм дзыхь хуащӏу зэпсэлъэным, зэдэӏэпыкъуным мыхьэнэшхуэ зэриӏэр.

26
Фотогалерея