Тхьэм и Анэм и «Скоропослушница» тхьэнапэм и щӏыхькӏэ щагъэлъапӏэ махуэм Тэрч дзэ къэзакъ зэгухьэныгъэм И Тэрч-Малкин окружной къэзакъ зэгухьэныгъэм и отчет-хэхыныгъэ гупышхуэ екӏуэкӏащ.
Хъурейм и лэжьыгъэм Хэтащ Налшык округым и къэзакъхэмрэ нэгъуэщӏ щӏыналъэхэм къикӏа хьэщӏэхэмрэ. Атаман Здвишков Димитрий блэкӏа илъэсищым зэрылэжьам теухуа отчетыр къигъэлъэгъуащ.
Итӏанэ къэзакъхэм атаманыр илъэсищ пӏалъэщӏэкӏэ хахащ. Зэдэарэзыуэ а къулыкъур Аргуэру дзыхь хуащӏащ Здвишков Димитрий. Хаха нэужь, атаманыр тепсэлъыхьащ дызыхуэкӏуэ илъэсищым лэжьэну зэрамурадым.
Хъуреишхуэм хэтащ Пятигорск епархием И Налшык округым и благочиннэ протоиерей Бобылев Валентинрэ полк къэзакъ щоджэн иерей Тамбиев Романрэ.
Дин лэжьакӏуэхэм тхьэлъэӏу ящӏащ. Итӏанэ протоиерей Валентин къэзакъхэм пастыр псалъэкӏэ захуигъэзащ.