Пятигорск къыщызэӏуахащ «Зэкъуэтыныгъэм и Макъхэр»форумыр

26.11.2026
Просмотры: 8

Урысей къэрал социальнэ университетым и Пятигорск къудамэм къыщызэӏуахащ «Зэкъуэтыныгъэм и Макъхэр»форумыр. Абы зэкъуигъэуващ Кавказ Ищхъэрэ, ипщэ федеральнэ округхэм курыт ӏэщӏагъэ щрагъэгъуэт я еджапӏэ нэхъыщхьэхэмрэ организацэхэмрэ я студенти 150-м щӏигъу.
Къыщызэӏуаха махуэм пленар зэӏущӏэ екӏуэкӏащ. Форумым хэтхэм хьэщӏэ лъапӏэхэм фӏэхъус ирахащ.
Зэӏущӏэм хэтащ Урысей Федерацэм и Президентым И полномочнэ лӏыкӏуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щӏыналъэм щыӏэм и аппаратым и лэжьакӏуэхэр, Ставрополь крайм егъэджэныгъэмкӏэ и Министерствэм и лӏыкӏуэхэр, къалэ Думэм и депутатхэр, Пятигорск и дин лэжьакӏуэхэр.
Хэтхэм захуигъэзащ иерей Хлынов Кирилл. Щоджэным къыхигъэщащ апхуэдэ зэӏущӏэхэм мыхьэнэшхуэ зэраӏэр икӏи форумыр хабзэ хъуну зэрыщыгугъыр жиӏащ. Абы къыхигъэщхьэхукӏащ зэныбжьэгъугъэ зэпсэлъэныгъэр цӏыхухэм нэхъыфӏу зэрыцӏыхунымкӏэ, зыр адрейм къыгурыӏуэнымкӏэ сэбэп зэрыхъур.

8
Фотогалерея