Щэкӏуэгъуэм и 20-м Лермонтовскэ округым и благочиннэ протоиерей Фаустов Константин епсэлъащ Лермонтовэ къалэм и школ № 4-м и 10-нэ классым щӏэсхэм.
Зэӏущӏэм и темэ нэхъыщхьэ хъуащ цӏыхум и псалъэм и къарур, къэзыухъуреихьхэмрэ езы цӏыхумрэ абы зэрызащӏигъакъуэр. Щоджэным и гъусэу класс нэхъыжьхэр егупсысырт псалъэхэм гугъуехьхэр къызэранэкӏынымкӏэ зэрызыщӏагъэкъуэфынум, зэрытрагъэгушхуэфынум, зэрадэӏэпыкъуфынум, ауэ абы къыдэкӏуэуи лей зэрырахыфынум, цӏыхухэм яку дэлъ дзыхьымрэ зэхущытыкӏэмрэ зэрызэтракъутэфынум.
Зэӏущӏэм хэтахэм гулъытэ хэха хуащӏащ социальнэ сетхэм щызэпсалъэкӏэ псалъэхэмрэ ӏуэхущӏафэхэмрэ папщӏэ жэуаплыныгъэм.
Зэӏущӏэр Траухуащ Москварэ урысей псомрэ я Патриарх Лъапӏэ Кирилл Илъэс 80 зэрырикъум. Урыс Чристэн Члисэм и Унафэщӏым илъэс куэдкӏэ зэрыхуэлэжьам и щапхъэкӏэ Ди адэ Константин тепсэлъыхьащ Члисэмрэ жылагъуэмрэ я гъащӏэм псалъэм щиӏэ мыхьэнэм, щхьэзакъуэ щапхъэм мыхьэнэшхуэ зэриӏэм, абыхэм къагурыӏуэ бзэкӏэ цӏыхухэм зэрепсэлъэфым.
Юбилей махуэм ирихьэлӏэу «Знайка» къалэ библиотекэм щагъэхьэзыращ Патриарх Лъапӏэ Кирилл и гъащӏэмрэ и къулыкъумрэ теухуа тематикэ гъэлъэгъуэныгъэ.
Псалъэмакъыр зэпсэлъэныгъэ зэӏуха жыпхъэм иту екӏуэкӏащ. Класс нэхъыжьхэм щӏэсхэр гъащӏэм и щытыкӏэ зэмылӏэужьыгъуэхэм тепсэлъыхьащ, я ӏуэху еплъыкӏэхэмкӏэ зэдэгуэшащ икӏи щоджэным и гъусэу къалъыхъуащ цӏыхугъэ къыхэхыныгъэмрэ щхьэзакъуэ жэуаплыныгъэмрэ теухуа упщӏэхэм я жэуапхэр.
И кӏэм Ди адэ Константин щӏалэхэм яжриӏащ упщӏэ къызэрыгуэкӏым, ауэ мыхьэнэшхуэ зиӏэм егупсысыну: "сыт нэгъуэщӏ цӏыхум и гум къинэр къыдэпсэлъа нэужь?»