Пятигорск епархием И Налшык члисэ округым и благочиннэ протоиерей Бобылев Валентин хэтащ «наркоманиер къэмыгъэхъунымкӏэ, гъащӏэ узыншэр пхыгъэкӏынымкӏэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм Яӏэ Мыхьэнэр»темэм теухуа стӏол хъурейм.
Зэхыхьэр Щекӏуэкӏащ Бэрбэч Хь.М. и цӏэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым икӏи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыӏэ МВД-м наркотикхэр зэрызэрагъэкӏуэкӏым кӏэлъыплъынымкӏэ И Управленэм щӏыгъуу къызэрагъэпэщащ.
Студентхэм защыхуигъазэм, протоиерей Валентин къыхигъэщхьэхукӏащ тхьэм цӏыхум Кърита хэхыныгъэм и щхьэхуитыныгъэм мыхьэнэшхуэ зэриӏэр икӏи ягу къигъэкӏыжащ Зиусхьэныр сыт щыгъуи зэрыбгъэдэтыр, дэӏэпыкъуэгъу хъуну зэрыхьэзырыр.
Стӏол хъурейм хэтхэм къыхагъэщащ наркоманием щӏалэгъуалэм защыхъумэным мыхьэнэ хэха зэриӏэр. Къыхагъэщащ наркотикым дихьэххэм зегъэубгъуным купщӏафӏэу пэщӏэтын папщӏэ къэралым, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, нэгъуэщӏ институт зыфӏэгъэщӏэгъуэнхэм я къарур зэкъуэгъэувэн зэрыхуейр.