«Кали Архи» алыдж зэгухьэныгъэм и нэӏэм щӏэту Къэрэшей-Шэрджэсым И Адыгэ-Хьэблэ районым хыхьэ Спартэ къуажэм щекӏуэкӏащ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и Илъэсым теухуа махуэшхуэ зэхыхьэхэр.
Махуэшхуэр ирагъэжьащ щихъ Святогорц Паисий и хьэдэкъупщхьэхэм я гуфӏэгъуэ зэӏущӏэмрэ Троицкэ члисэм Тхьэлъэӏу литургиемрэ.
Тхьэлъэӏу литургием и унафэщӏу щытащ Черкесск къалэм И Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и унафэщӏ протоиерей Кузнецов Сергий. Абы хуэлэжьащ Спартэ къуажэм и Троицкэ члисэм и унафэщӏ иерей Иманов Алексий. Тхьэлъэӏу уэрэдхэр игъэзэщӏащ никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и Архиерей хорым, регент Сотниковэ Наталье и унафэм щӏэту.
Махуэшхуэм Щызэхуэсащ Ставрополь крайм, Пятигорск епархиемрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ я жылагъуэ зэмылӏэужьыгъуэхэм къикӏа хьэщӏэ, хьэжыщӏ куэд.
Тхьэлъэӏур зэфӏэкӏа нэужь, махуэшхуэм хэтхэр щыӏащ районым щыпсэухэм къызэрагъэпэща лъэпкъ пщӏантӏэхэм. Сабийхэм папщӏэ аниматорхэр зэрыт нэгузыужь программэ ягъэхьэзыращ.
Цӏыхубэ самодеятельностым и гупхэр зыхэт концертышхуэкӏэ махуэшхуэ гуфӏэгъуэхэр иухащ.