Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и дин лэжьакӏуэхэм тхьэмахуэ зэӏущӏэхэм хыхьэу Екӏуэлӏапӏэм кӏуэхэм я жэрдэмкӏэ Черкесск къалэм и «Чарли» кинотеатрым щагъэлъэгъуащ «хьэрычэтыщӏэ Лъапӏэхэр»фильмыр.
Фильмым еплъхэр щигъэгъуэзащ хьэрычэт ӏуэхум ехъулӏэныгъэкӏэ елэжьа, абы къыдэкӏуэуи Тхьэмрэ гъунэгъумрэ фӏыуэ зэралъагъум теухуа унафэр зыгъэзэщӏэну хущӏэкъу цӏыхухэм, гущӏэгъумрэ псапэ щӏэнымрэ я ӏуэхухэр зылэжьхэм.
Еплъыным зэӏущӏэм хэтахэр тригъэгушхуащ лэжьыгъэм чристэн хущытыкӏэмрэ мылъкукӏэ къулеигъэмрэ егупсысыну, фӏыуэ ялъагъуу яухуэн, Тхьэмрэ гъунэгъухэмрэ яхуэлэжьэн, псом япэу Тхьэм и Пащтыхьыгъуэхэмрэ абы и пэжыгъэмрэ къалъыхъуэн зэрыхуейм.
Еплъынми хэтащ Къалэм и хьэрычэтыщӏэхэр, Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и дин лэжьакӏуэхэм проект зэмылӏэужьыгъуэхэр гъэзэщӏэнымкӏэ ядэӏэпыкъухэр. Зэӏущӏэм и кӏэухым абыхэм зэхалъхьащ чристэн хабзэхэм, цӏыхугъэ лъапӏэныгъэхэм, псэкупсэ щэнхабзэм тещӏыхьа ӏуэхухэр зэрырагъэкӏуэкӏ хабзипщӏ.