Щэкӏуэгъуэм и 10-м Урысей Федерацэм къэрал кӏуэцӏ ӏуэхухэмкӏэ и органхэм я лэжьакӏуэхэм я ӏэщӏагъэ махуэшхуэр ягъэлъапӏэ.
Железноводск къалэ-курортым И Пускепалис С. Махуэшхуэ программэр концерткӏэ иухащ.
Къэрал кӏуэцӏ ӏуэхухэмкӏэ органхэм я лэжьакӏуэхэм ехъуэхъуащ Железноводск къалэм и ӏэтащхьэ Бакулин Евгений, Ставрополь крайм и Думэм и депутатхэр, Тхьэм и Анэм И Покров члисэм и унафэщӏ протоиерей Бондарчук Андрей сымэ.
Ди адэ Андрей лэжьакӏуэхэм фӏыщӏэ яхуищӏащ цӏыхухэм я хабзэр, шынагъуэншагъэр, зэпӏэзэрытыныгъэр къызэгъэпэщыным хуэунэтӏа жэуаплыныгъэ яхэлъу, тыншу зэрыхуэлэжьам папщӏэ.
Дин-лэжьакӏуэр къекӏуэлӏахэм ехъуэхъуащ къару быдапӏэ, псэ мамырыгъэ, Тхьэм дэӏэпыкъуну, жылагъуэм ифӏ зыхэлъ адэкӏэ ирагъэкӏуэкӏыну лэжьыгъэхэм нэфӏщыхуэныгъэ щаӏэну.