СОШ № 19-м Тхьэм и Анэм И Успения члисэм и унафэщӏ иерей Вдовин Владимир 10-нэ классым щӏэсхэм папщӏэ иригъэкӏуэкӏащ цӏыхубэ зэкъуэтыныгъэм и Махуэм теухуа класс сыхьэт.
Щоджэныр класс нэхъыжьхэм щӏэсхэм яхутепсэлъыхьащ махуэшхуэм и тхыдэмрэ зэман Зэхэзэрыхьам къэхъуахэмрэ, 1612 гъэм цӏыхубэ дзэ пакӏэм Москва хуит къищӏыжынымкӏэ Тхьэм и Анэм И Къэзан тхьэнапэм иӏэ мыхьэнэм.
Зэӏущӏэр щиухым школакӏуэхэм къаӏэрыхьащ цӏыхубэ зэкъуэтыныгъэм и Махуэм теухуа хъыбарегъащӏэ буклетхэр, Урыс Чристэн Члисэм И Синод миссионер къудамэм игъэхьэзырахэр.