2026 гъэм щэкӏуэгъуэм и 6-м Пятигорскрэ Черкесскрэ я архиепископ Феофилакт хэтащ «Фэеплъ жыг хадэ» Iуэхум. Кировскэ муниципальнэ округым и сайтым хъыбар къызэрыдигъащӏэмкӏэ, ар щекӏуэкӏащ Дзэлыкъуэ станицэм и дохутыр амбулаторэм и щӏыналъэм. Мы гъэм фэеплъ аллеер къитӏысыкӏыныр хуэгъэпсащ Урысей Федерацэм къэрал кӏуэцӏ ӏуэхухэмкӏэ и органхэм я лэжьакӏуэхэм я къулыкъу къалэнхэр щагъэзащӏэм хэкӏуэдахэм я фэеплъ махуэм. Кировскэ муниципальнэ округыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 55-рэ зэрырикъум и щӏыхькӏэ амбулаторэм и щӏыналъэм клен жылапхъэу 55-рэ щыхасащ. «Фэеплъ жыг хадэ» ӏуэхур илъэс 12 хъуауэ йокӏуэкӏ.
Сурэт: Пятигорск епархием и пресс-ӏуэхущӏапӏэ.