Епархием и зэхуэсым и махуэр яубзыхуащ

06.11.2026
Просмотры: 487

 

2026 гъэм щэкӏуэгъуэм и 5-м, Пятигорскрэ Черкесскрэ я архиепископ Феофилакт и унафэм щӏэту, Пятигорск епархием и унэм щекӏуэкӏащ Пятигорск епархием и Епархие советым и зи чэзу зэӏущӏэр. Хабзэ зэрыхъуам тету зэӏущӏэм хэтащ члисэ округхэм я благочиннэхэмрэ епархием и къудамэ гуэрхэм я унафэщӏхэмрэ. 
Архиепископ Феофилакт зэхуэсым хэтхэр щигъэгъуэзащ Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Лъапӏэ Кирилл 2026 гъэм Пятигорск епархием и лэжьыгъэм теухуа отчетым тралъхьа резолюцэм. Патриарх лъапӏэ Кирилл пщӏэшхуэ хуищӏащ Пятигорск епархием и дин лэжьакӏуэхэм СВО-м и зауэлӏхэр пастырым и нэӏэ тетыным, щӏэблэр хэкупсэу, псэкӏэ гъэсэным, ирагъэкӏуэкӏа социальнэ лэжьыгъэм теухуахэм. Тепщэ лъапӏэм щхьэхуэу къыхигъэщащ «Псалъэм и гуфӏэгъуэ» гъэлъэгъуэныгъэр, СКФО-м и монашествэхэм я зэхыхьэр зэрекӏуэкӏыр зэрылъагэр, епархием и лэжьакӏуэхэм фӏыщӏэ яхуищӏащ къэзакъхэр псэкӏэ гъэшхэным илъэс куэдкӏэ зэрелэжьам папщӏэ. 
Советым хэтхэм къуэм Урыс Члисэм и Унафэщӏым фӏыщӏэ хуащӏащ Пятигорск епархием члисэ гъащӏэр зэрыщызэтраухуэм зэрыкӏэлъыплъым, Архипастырым, дин-лэжьакӏуэхэм, цӏыху къызэрыгуэкӏхэм я лэжьыгъэхэм пщӏэшхуэ зэрыхуащӏым папщӏэ.
Зэӏущӏэм хэтахэм къалъытащ «Афон Щхъуантӏэ», «Марухэ» гъэмахуэ щӏалэгъуалэ форумхэр зэрекӏуэкӏам кърикӏуахэр. «Афон Щхъуантӏэ» XXII чристэн щӏалэгъуалэ форумым сабии 160-рэ зэхуишэсащ. Форумым хэтхэм я жьауэм щӏэту 2026 гъэм хахащ Ставрополь митрополием и щихъхэм я Члисэм щыщу Тхьэм папщӏэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэр мы гъэм япэу ягъэлъэпӏащ. Форумым хэтхэм гуапэу фӏэхъус ярихащ псэупӏэм и щоджэнархимандрит, Пятигорскрэ Черкесскрэ я архиепископ Феофилакт. Форумым и кӏэух еплӏанэ сменэм щыӏащ щӏалэгъуалэм я ӏуэхухэмкӏэ Синод къудамэм и унафэщӏым и къалэнхэр зыгъэзащӏэ иеромонах Филарет (Зубов), форумым хэтхэм фӏэхъус псалъэкӏэ захуигъазэри, Москварэ Урысей Псомрэ я Патриарх Лъапӏэ Кирилл и нэфӏ къыщыхуащ. «Марухэ» форумым щӏалэрэ хъыджэбзу 69-рэ зэкъуигъэуващ. Форумым и хьэщӏэхэм Къэрэшей-Шэрджэсым и щӏыпӏэ дахэхэм зыщагъэгъуэзащ икӏи хэтащ Архыз Ищхъэрэ Ильинскэ члисэм и тахътэ махуэр гъэлъэпӏэным. Советым и зэӏущӏэм унафэ къыщащтащ форумхэм ятеухуа положенэщӏэхэр зэхэлъхьэным теухуауэ. «Афон Щхъуантӏэ» форумым хэтхэр я ныбжькӏэ сменэу ягуэшынущ, «Маруха» форумыр сабий зиӏэ чристэн унагъуэхэм я япэ утыку хъунущ. 
Итӏанэ зэӏущӏэм щызэхалъхьэжащ чристэн экскурсоводхэм я япэ епархие курсхэм я лэжьыгъэм кърикӏуахэр. 2026 гъэм и мазаем къыщыщӏэдзауэ мэкъуауэгъуэ пщӏондэ, Пятигорскрэ Черкесскрэ я архиепископ Феофилакт и нэфӏ къыщыхуауэ, цӏыху 25-рэ зыхэт гупыр, абыхэм я нэхъыбэр Ставрополь крайм туризмэмрэ узыншагъэр щрагъэфӏакӏуэ курортхэмкӏэ и Министерствэм аттестацэ ищӏа экскурсовод ӏэщӏагъэлӏхэрщ, едэӏуащ чристэн диным, Кавказ Ищхъэрэм чристэн диным и тхыдэм, Чристэн лъахэхутэм я лъабжьэхэм я курсхэм. Теорие, практикэ дерсхэр ирагъэкӏуэкӏащ Пятигорск епархием и «Кавказский паломник» хьэжыщӏ ӏуэхущӏапӏэм и щоджэнхэмрэ лэжьакӏуэхэмрэ, хьэжыщӏ кӏуэхэм ядэлэжьэнымкӏэ я щхьэ зэфӏэкӏ зиӏэхэм. Архипастырым къыӏэщӏалъхьащ цӏыху 22-м я щыхьэт тхылъхэр, къэралым аттестацэ ищӏа гид 18-м Пятигорск епархием и щӏыналъэм хьэжыщӏ гупхэм щадэлэжьэну хуитыныгъэ къезыт бейджхэри. Советым и зэӏущӏэм унафэ къыщащтащ епархием и члисэхэм епархием и курсхэм аттестацэ зимыӏэ гидхэр хьэжыщӏ зыплъыхьакӏуэхэр щрамыгъэкӏуэкӏыну. 
«Щэнхабзэ щӏэинхэм я объектхэр хъумэным ехьэлӏауэ хабзэубзыху мардэщӏэхэр гъэзэщӏэным и практикэ лъэныкъуэхэр» щӏыналъэ Зэхуаку конференцыр зэрырагъэкӏуэкӏым тепсэлъыхьри, профильнэ федеральнэ законодательствэм халъхьэ зэхъуэкӏыныгъэхэм теухуат икӏи Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам щекӏуэкӏащ, советым хэтхэм унафэ ящӏащ щэнхабзэ щӏэинхэм я реестрым халъхьа члисэхэм я унафэщӏхэм ягу къагъэкӏыжыну, члисэхэр зехьэнымкӏэ щхьэзакъуэ жэуаплыныгъэр, профильнэ епархие къудамэм лэжьыгъэхэр егъэщӏылӏэн зэрыхуейр.
Апхуэдэу зэӏущӏэм щыхэплъащ СКФО-м и монашествэхэм я стӏол хъурейм, «Псалъэм и гуфӏэгъуэ» гъэлъэгъуэныгъэ-форумым, Шыщхьэуӏу педагогикэ советым, шы спортымкӏэ олимпиадэ Хэхам и Урысейпсо спартакиадэм, XIII Губинскэ къеджэныгъэхэр зэрекӏуэкӏам кърикӏуахэм. Итӏанэ советым хэтхэр тепсэлъыхьащ епархием и лӏыкӏуэхэм регентхэмрэ уэрэджыӏакӏуэхэмрэ я IV Дунейпсо съездымрэ Москва и «Динымрэ Мамырыгъэмрэ: лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр къулыкъу зэмылӏэужьыгъуэхэмкӏэ» ХӀӀ дунейпсо форумымрэ щрагъэкӏуэкӏа лэжьыгъэм.
Советым гулъытэ щыхуащӏащ Успенскэ Второафонскэ Бештаугорскэ цӏыхухъу къулъшырыфым и Успенскэ члисэр зэрагъэлъапӏэ тхыдэ ӏуэхугъуэми. Епархием и советым фӏыщӏэ хэха хуищӏащ 
гуфӏэгъуэхэм хэта щихънагъ нэхъыщхьэ Архипастырхэм, псэупӏэ лъапӏэм и ктитор Юрий Яковлевич. Чайкэ УФ-м и Президентым и полномочнэ лӏыкӏуэу СКФО-м щыӏэм, псапащӏэхэм, архитекторым, сурэтыщӏхэм, ухуакӏуэхэм, хасэр ухуэным хэтахэм.
Зэӏущӏэр щиухым, Епархием и советым игъэбелджылащ илъэс къэс Епархием и зэхуэсым и махуэр. Ар 2026 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м Георгиевскэ цӏыхубз къулъшырыфым щекӏуэкӏынущ. Лэжьыгъэм щыщӏидзар сыхьэт 12.00-рщ.

487
Фотогалерея