Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам и Клирик, благочиннэм щӏалэгъуалэ къулыкъумкӏэ и дэӏэпыкъуэгъу иерей Копач Пётр Яӏущӏащ Пятигорск къэрал университетым и студентхэм. Псалъэмакъыр траухуащ цӏыхубэ зэкъуэтыныгъэм и Махуэм и псэкупсэ мыхьэнэм.
Зэӏущӏэм хэтащ управленэм и еджапӏэ Нэхъыщхьэм и студентхэр — теолог хъунухэр, менеджментым, гуманитар, социальнэ щӏэныгъэхэм я ӏэщӏагъэлӏхэр.
Ди адэ Пётр тепсэлъыхьащ зэман Зэхэзэрыхьам къыщыхъуахэмрэ къэралым игъэв кризис куум и щхьэусыгъуэхэмрэ. Щоджэным къыгуригъэӏуащ япэ цӏыхубэ дзэ пакӏэр щӏызэтекъутар, етӏуанэм Москва хуит къыщӏищӏыжыфар.
Зэӏущӏэм хэтахэр тепсэлъыхьащ Минин Кузьмэрэ пщы Пожарский Дмитрийрэ зэрахьа лӏыгъэм, зэрыпхъуакӏуэхэм едэӏуэн зымыда, тутнакъэщым иса Патриарх Ермоген и лӏыгъэм. Адэ Пётр гулъытэ хэха хуищӏащ дзэ пакӏэр Москва зыхуэкӏуэ Тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэм.
Щоджэным къыхигъэщхьэхукӏащ зэкъуэтыныгъэм зэщхьыныгъэ къызэримыкӏыр. Абы цӏыху зэхуэмыдэхэм ӏэмал къарет зэщхьэщыкӏыныгъэхэр яхъумэну, псоми я зэхуэдэ мурадым зэгъусэу хуэлэжьэну. 1612 гъэм гъунэгъуу щытащ пщыхэмрэ къалэдэс къызэрыгуэкӏхэмрэ, дин лэжьакӏуэхэмрэ къэзакъхэмрэ, лъэпкъ зэмылӏэужьыгъуэхэм щыщхэр.
Зэӏущӏэр щиухым Ди адэ Пётр студентхэм я упщӏэхэм жэуап иритащ.