Зеленчукскэ станицэм и курыт еджапӏэ № 1-м щекӏуэкӏащ «Лӏэщӏыгъуэкӏэрэ къапщыта къару: Урысейм и тхыдэ зэкъуэтыныгъэ» муниципальнэ семинарыр. Зэӏущӏэр траухуащ школакӏуэхэм я тхыдэ щӏэныгъэм.
Семинарым хэтащ районым и егъэджакӏуэхэр, адэ-анэхэр, дин лэжьакӏуэхэм я лӏыкӏуэхэр. Петропавловскэ члисэм и унафэщӏ иерей Якушев Александр тепсэлъыхьащ Тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэм и тхыдэмрэ ар Цӏыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм зэрыпыщӏамрэ.
Верховодко Наталье къыддэгуэшащ Къэрэшей-Шэрджэсым и щэнхабзэ щӏэиныр хъумэным теухуа волонтёр лэжьыгъэм и зэфӏэкӏымкӏэ. Абы «Къэзан хасэм щхьэщыт мамырыгъэм и тхьэрыкъуэ» мастер-классри иригъэкӏуэкӏащ. Адэ-анэхэм я комитетым и лӏыкӏуэ Миронович В.
зэӏущӏэм и кӏэухым абы хэтахэм мурад ящӏащ къагъэлъэгъуа зэфӏэкӏыр Зеленчукскэ районым и школхэм къыщагъэсэбэпыну.