Щӏалэгъуалэм яхуТепсэлъыхьащ Аланием и тхыдэм

08.11.2026
Просмотры: 400

 

Архыз Ищхъэрэм и Къухьэпӏэ Аланием археологиемкӏэ и музейм щӏалэгъуалэм щаӏущӏащ.

Абы хэтащ Варавченкэ С.Ф. и цӏэр зезыхьэ Зеленчукскэ район лъахэхутэ музейм и унафэщӏ Ижаев Алимрэ X лӏэщӏыгъуэм яухуа Ильинскэ члисэм и унафэщӏ иеромонах Елевферийрэ (Казаков).

Егъэджакӏуэхэмрэ хьэщӏэ ныбжьыщӏэхэмрэ къащӏащ Къухьэпӏэ Аланием и тхыдэр, Зеленчук Псышхуэм и къуэладжэм мывэ члисэхэр зэрыщаухуэр, XIX лӏэщӏыгъуэм и кӏэхэм Александро-Афон Зеленчук къумыр къызэрыунэхуар.

Зэӏущӏэм хэтахэми яхутепсэлъыхьащ Архыз Ищхъэрэм и тхыдэ, щэнхабзэ щӏэинхэр хъумэным, а щӏыналъэм и хьэжыщӏ, турист зэфӏэкӏым зегъэужьыным ехьэлӏа лэжьыгъэм.

Къызэхуэсахэм гулъытэ хэха хуащӏащ Урысеймрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ щыпсэу лъэпкъхэм я псэкупсэ зэкъуэтыныгъэм, псоми я зэхуэдэ тхыдэмрэ щэнхабзэ щӏэинымрэ хъумэным.

400
Фотогалерея