Къэрэшей-Шэрджэсым щагъэлъэпӏащ къэрэшей лъэпкъыр хэкум зэрырашам хэкӏуэдахэм я фэеплъыр. Щыгъуэ зэӏущӏэхэр щекӏуэкӏащ республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ.
Зеленчукскэ станицэм цӏыхухэр щызэхуэсащ хэкум ирашахэм я фэеплъ дамыгъэм деж. Зэӏущӏэм хэтащ станицэ администрацэм и ӏэтащхьэ Хомяковэ Ольгэрэ районым и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лӏыкӏуэхэмрэ.
Къызэхуэсахэм захуигъэзащ Къэрэшей къалэм И Пантелеимоновскэ члисэм и клирик иерей Фоменкэ Сергий.
И кӏэм зэӏущӏэм хэтахэм удз гъэгъахэр тралъхьащ залымыгъэм ихьахэм я фэеплъым.