Цӏыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэмрэ Тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэм и махуэшхуэмрэ я щӏыхькӏэ Зеленчукскэ станицэм и Петропавловскэ члисэм и «Путь к свету и добру» щӏалэгъуалэ центрым зэӏущӏэ щекӏуэкӏащ.
Члисэм и штат клирик иерей Гурин Алексий щӏалэгъуалэм яхутепсэлъыхьащ Тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэм и щӏыхькӏэ зэрагъэлъапӏэм и тхыдэмрэ Цӏыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэр зэрагъэувамрэ.
Щоджэным къызэхуэсахэри щигъэгъуэзащ Синод псапэ къудамэм игъэхьэзыра докладымрэ презентацэмрэ.