2026 гъэм щэкӏуэгъуэм и 2-м ӏимам Абу Хьэнифэ и цӏэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ ислъам университетым щекӏуэкӏащ следственнэхэм, суд зытращӏыхьахэм, тутнакъэщым къикӏыжа цӏыхухэм ядэлэжьэным теухуа зэхыхьэ.
Зэӏущӏэм хэтащ Урысейм и УФСИН-м и унафэщӏым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиӏэ къуэдзэ Никитин Николай, КъБР-м ис муслъымэнхэм я Дин ӏуэхущӏапӏэм и лӏыкӏуэхэу тутнакъхэр псэкӏэ гъэшхэным елэжьхэр, апхуэдэуи СИЗО № 1-м и унафэщӏым фӏэщхъуныгъэ зиӏэхэм ядэлэжьэнымкӏэ и дэӏэпыкъуэгъу иерей Тамбий Роман.
Зэхыхьэм хэтахэр тепсэлъыхьащ тутнакъэщым исхэм псэкӏэ защӏэгъэкъуэным, абы къикӏыжахэм ядэӏэпыкъуным ехьэлӏа ӏуэхухэм.
Зэӏущӏэр щиухым лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и махуэм хуэгъэпса дин зэхуаку зэпсэлъэныгъэм и тхьэмахуэм кърикӏуахэр зэхалъхьэжащ. Тхьэмахуэм хиубыдэу ирагъэкӏуэкӏа викторинэхэм щытекӏуахэм фэеплъ саугъэтхэр иратыну мурад ящӏащ.