СВО-м хэтхэм я унагъуэхэр мамырыгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ папщӏэ тхьэ елъэӏуащ

06.11.2026
Просмотры: 493

 

Черкесск къалэм и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и дин лэжьакӏуэхэмрэ волонтёрхэмрэ дзэ операцэ хэхам хэтхэм я унагъуэхэм хьэжыщӏ кӏуэныр къыхузэрагъэпэщащ. Гъуэгуанэр екӏуэкӏащ «Хэкум и Хъумакӏуэхэр» фондымрэ Хэкум и зауэлӏхэм я унагъуэхэм Къэрэшей-Шэрджэсым щаӏэ комитетымрэ я дэӏэпыкъуэгъуу.
Хьэжыщӏ кӏуэхэр щыӏащ Шоан бгым тет Георгиевскэ члисэжьым, Усть-Джегуты дэт Архангел Михаил и члисэм, Красногорскэ станицэм дэт хъумакӏуэ чэщанэм, Кавказым и щхьэдэхыпӏэхэм я хъумакӏуэхэм я музей-фэеплъым.
Гъуэгуанэм хэтахэм яхутепсэлъыхьащ а щӏыпӏэхэм я тхыдэм. Апхуэдэу хьэжыщӏ кӏуэхэм епсэлъащ Цӏыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм и тхыдэмрэ и мыхьэнэмрэ теухуауэ.
Члисэхэм гъуэгуанэм хэтахэр тхьэ щелъэӏуащ дзэ операцэ хэхам и щӏыпӏэм щыӏэ зауэлӏхэм папщӏэ. Сабийхэм папщӏэ хьэуа къабзэм джэгухэр щрагъэкӏуэкӏащ. Гъуэгуанэр псоми я зэхуэдэ шхэгъуэкӏэ иухащ.
Хьэжыщӏ кӏуэныр траухуащ Цӏыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм. Гъуэгуанэм унагъуэхэр щигъэгъуэзащ щалъхуа щӏыналъэм и тхыдэмрэ лъапӏэныгъэхэмрэ икӏи ӏэмал яритащ зэманыр зэгъусэу ягъэкӏуэну.

493
Фотогалерея