ЖЕЛЕЗНОВОДСК И АВТОШКОЛЫМ АКЪЫЛЫФӀАГЪЭМ ЩЫТЕПСЭЛЪЫХЬАЩ

02.11.2026
Просмотры: 540

Железноводск къалэм и «Вираж» автошколым шофер хъунухэр жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ дин лэжьакӏуэхэмрэ я лӏыкӏуэхэм щаӏущӏащ. Псалъэмакъым хэтхэр тепсэлъыхьащ «Рулым дэс акъылыфӏагъэр гъащӏэмрэ псэмрэ я жэуаплыныгъэщ» темэм.
Шофер хъунухэм яхутепсэлъыхьащ акъылыфӏэу псэуным мыхьэнэшхуэ зэриӏэм, гъуэгум шынагъуэншагъэмкӏэ щыIэ жэуаплыныгъэм.
Зэӏущӏэм хэтащ иерей Пронь Алексий. Щоджэным ягу къигъэкӏыжащ ӏэпкълъэпкъыр псэм и члисэу хъумэн, цӏыхум зэран хуэхъу гуэныхьхэм зыщыхъумэн зэрыхуейр.
Зэӏущӏэр щиухым абы хэтхэм фэеплъ тыгъэхэр иратащ, гъуэгум зэрыщызекӏуэ хабзэхэмрэ Тхьэм и унафэхэмрэ гъэзэщӏэным мыхьэнэшхуэ зэриӏэр ягу къагъэкӏыжу.

540
Фотогалерея