ЧЕРКЕССК ЯГУ КЪЫЩАГЪЭКӀЫЖАЩ ПОЛИТИКЭ ЗАЛЫМЫГЪЭМ ИХЬАХЭР

02.11.2026
Просмотры: 533

Черкесск къалэм Нэфхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и библиотекэм зэӏущӏэ щригъэкӏуэкӏащ Пятигорск епархием щихъхэр канон щӏынымкӏэ и комиссэм и секретарь иерей Гурин Александр. Псалъэмакъыр траухуащ политикэ залымыгъэм ихьахэм я фэеплъ махуэм, илъэс къэс жэпуэгъуэм и 30-м 1991 гъэ лъандэрэ ягъэлъапӏэм.
Ди адэ Александр библиотекэм къекӏуалӏэхэм яхутепсэлъыхьащ урыс члисэм Тхьэм папщӏэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэмрэ гуэныхьхэр зыӏуэтэжахэмрэ, Пятигорск епархием и тхьэшынагъэм и псэбыдэхэу зэхэзехуэн щащӏа илъэсхэм фӏэщхъуныгъэм и зэран зэкӏахэм.
Зэӏущӏэм хэтахэми къащӏащ къэзакъхэмрэ Урысейм ис лъэпкъхэмрэ иращӏылӏа залымыгъэхэр. Щоджэным къызэхуэсахэр къыхуриджащ хэку тхыдэм и напэкӏуэцӏ гуауэхэр ящӏэжыну, зэкъуэтыныгъэмрэ зэгурыӏуэныгъэмрэ яхъумэну.
Фэеплъ махуэм ирихьэлӏэу библиотекэм и лэжьакӏуэхэм щоджэныр ящӏыгъуу ягъэхьэзыращ политикэ залымыгъэм щыхьэт техъуэ сурэтхэмрэ дэфтэрхэмрэ я гъэлъэгъуэныгъэ. Хьэщӏэхэм гъэлъэгъуэныгъэм зыщагъэгъуэзащ икӏи я адэ Александр яфӏэгъэщӏэгъуэн упщӏэхэр иратащ.

533
Фотогалерея