Исправнэ станицэм и Михайловскэ члисэм щекӏуэкӏащ «Жыласэ» щӏалэгъуалэ клубым хэтхэм я зэӏущӏэ. Члисэм и унафэщӏ иерей Субтельный Иоанн щӏалэгъуалэм яхутепсэлъыхьащ Тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэмрэ цӏыхубэ зэкъуэтыныгъэм и Махуэмрэ я щӏыхькӏэ махуэшхуэр зэрагъэувам и тхыдэм. Щоджэным зэӏущӏэм хэтахэм я пащхьэ ирилъхьащ урыс Чристэн Члисэм и Синод псапэ къудамэм игъэхьэзыра докладымрэ презентацэмрэ.
Шей фалъэкӏэ зэпсэлъа нэужь, ди адэ Иуан щӏалэгъуалэм я упщӏэхэм жэуап яритащ.
Зэӏущӏэр щиухым клубым хэтхэм псапэ ӏуэху ирагъэкӏуэкӏащ. Станицэм и уэрамхэм къыдыхьэри, Тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэм и щӏыхькӏэ гъэлъэпӏэным теухуа буклетхэр щӏыпӏэм щыпсэухэм хуагуэшащ. Материалхэр Игъэхьэзыращ Урыс Чристэн Члисэм и Синод псапэ къудамэм.