Ставрополь крайм и муслъымэнхэм я Дин ӏуэхущӏапӏэм Пятигорск щиӏэ мэжджытым щекӏуэкӏащ «Традиционные духовно-нравственные ценности в Российской Федерации. Хэкупсэу щӏэблэр гъэсэн».
Зэӏущӏэм хэтащ щӏыпӏэ властым и органхэм, Урыс Чристэн Члисэм, Ставрополь крайм и муслъымэнхэм я Дин управленэм, Кавказ Ищхъэрэмрэ Къалмыкъымрэ я республикэхэм я муфтиятхэм я лӏыкӏуэхэр, Ставрополь крайм и ӏимамхэр, щӏэныгъэлӏхэр, хабзэхъумэ ӏэнатӏэхэм я лэжьакӏуэхэр, журналистхэр, студентхэр.
Псэкупсэ-щэнгъасэ, хэкупсэ гъэсэныгъэм ехьэлӏа ӏуэхухэм тепсэлъыхьыным хэтащ Спасс кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам и клирик иерей Зегнун Владимир.