Кисловодск къалэм и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Гливенкэ Димитрий и цӏэр зезыхьэ тхьэмахуэ школым щагъэлъэпӏащ Псыхуабэ и Покров махуэшхуэр.
Тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ зэпеуэхэм хэтащ, уэрэдхэр ягъэзэщӏащ, жаӏащ. Тхьэмахуэ школым и унафэщIым и къуэдзэ Синявская Татьянэ и унафэм щӏэту сабийхэм къагъэлъэгъуащ «Теремок» таурыхъыр икӏи ягъэзэщӏащ Зиусхьэным къигъэщӏа дунейм теухуа уэрэдхэр.
Джэгукӏэ программэ нэужьым махуэшхуэм хэтхэр щызэхуэсащ дэлэнрэ ӏэфӏыкӏэрэ яӏыгъыу шей ефэну. Шей фалъэкӏэ тхьэмахуэ школым и хабзэубзыху протоиерей Чеканов Димитрий тепсэлъыхьащ Псыхуабэ и Покров махуэшхуэм и тхыдэмрэ и псэкупсэ мыхьэнэмрэ икӏи сабийхэмрэ адэ-анэхэмрэ я упщӏэхэм жэуап иритащ.
Зэӏущӏэр хуабэу, зэныбжьэгъугъэ хэлъу екӏуэкӏащ икӏи сабийхэмрэ балигъхэмрэ гуфӏэгъуэ куэд къаритащ.