Кисловодск къалэм и Крестовоздвиженскэ члисэм и тхьэмахуэ школым щекӏуэкӏащ Псыхуабэ и Покров махуэшхуэм теухуа «Покровскэ зэӏущӏэхэр».
Тхьэлъэӏу литургие нэужьым тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэр, абыхэм я адэ-анэхэр, егъэджакӏуэхэр махуэшхуэ ӏэнэм щызэхуэсащ.
Сабийхэр Тхьэшхуэ Лъапӏэм теухуа усэхэм къеджащ, балигъхэр я гъащӏэм щыщ хъыбархэмкӏэ зэдэгуэшащ щытыкӏэ гугъухэм щихуам Тхьэм и Анэр къазэрыдэӏэпыкъуам теухуауэ.
Зэӏущӏэр хуабэу икӏи гуапэу екӏуэкӏащ. Шей фалъэкӏэ абы хэтхэм зэпсэлъэныгъэм пащащ.