СТУДЕНТХЭР ЩЫӀАЩ УНАГЪУЭМ ТЕУХУА ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭМ

23.10.2026
Просмотры: 457

Пятигорск къэрал университетым и студентхэр щыӏащ «Рождество. Унагъуэр. Сабиигъуэр. Гъащӏэ». Гъэлъэгъуэныгъэр ягъэхьэзыращ Пятигорск и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсамрэ Урысейм и сурэтыщӏхэм я Творческэ зэгухьэныгъэмрэ.
Сурэтыщӏхэм я лэжьыгъэхэр теухуащ сабиигъуэм, унагъуэм, цӏыху гъащӏэм. Гъэлъэгъуэныгъэм увыпӏэ щхьэхуэ щаубыд анагъэмрэ сабиигъуэмрэ я образхэм. Сурэтыщӏхэм къагъэлъэгъуащ сабийм и япэ лъэбакъуэхэр, унагъуэ махуэшхуэхэр, пшыхь щэхухэр я ӏыхьлыхэм яхэту. А образхэмкӏэ авторхэм зыхуагъазэ Урысейм и унагъуэмрэ щэнхабзэмрэ лъабжьэ яхуэхъу хабзэ псэкупсэ лъапӏэныгъэхэм.
Гъэлъэгъуэныгъэм зыщагъэгъуэза нэужь, студентхэр щыӏащ Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам зыплъыхьакӏуэ. Ар ирагъэкӏуэкӏащ хасэм и штат щоджэн иерей Великородный Димитрийрэ еджакӏуэхэу Ивакинхэ Василийрэ Георгийрэ. Ахэр студентхэм яхутепсэлъыхьащ Пятигорск и члисэ нэхъыщхьэм и тхыдэмрэ архитектурэмрэ.

457
Фотогалерея