2026 гъэм жэпуэгъуэм и 14-м къыщыщӏэдзауэ и 16 пщӏондэ Ставрополь щекӏуэкӏащ Дунейпсо урыс цӏыхубэ члисэ зэхуэхьэсам (ВРНС) и «Хабзэ лъапӏэныгъэхэр лъэпкъ шынагъуэншагъэм и стратегиеу хъумэн» XIII Ставрополь форумыр. Абы и лэжьыгъэм хэтащ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я лӏыкӏуэхэр.
Форумым цӏыху минитхум щӏигъу зэхуишэсащ: дин лэжьакӏуэхэр, властым, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, щӏэныгъэм, щэнхабзэм я лӏыкӏуэхэр, журналистхэр, дзэ операцэ хэхам хэтхэр.
Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетым тематикэ секцэ 15 щылэжьащ. Абы хэтахэр тепсэлъыхьащ щӏалэгъуалэр псэкупсэ-щэнгъасэ, хэкупсэ гъэсэныгъэм, тхыдэ щӏэныгъэм, хъыбарегъащӏэ ӏэнатӏэхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ хабзэ лъапӏэныгъэхэр хъумэнымкӏэ яӏэ мыхьэнэм, хъыбарегъащӏэ шынагъуэншагъэм ехьэлӏа ӏуэхухэм. Форумым и махуэхэм студентхэм яӏущӏащ икӏи документальнэ фильмхэр ягъэлъэгъуащ.
Къэрэшей-Шэрджэсым и лӏыкӏуэхэм хыхьащ республикэм и Жылагъуэ палатэм и унафэщӏ, ВРНС-м и щӏыналъэ къудамэм и тхьэмадэ Ляшовэ Еленэ, Черкесск и ӏэтащхьэ, Псыжь къэзакъыдзэм и Баталпашинскэ къудамэм и атаман Дедук Валерий, «Русь» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщӏ Ганшин Алексей, Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и благочиннэ протоиерей Нартов Александр, Налшык члисэ округым и благочиннэ протоиерей Бобылев Валентин, епархием и дин лэжьакӏуэхэр.
Жэпуэгъуэм и 16-м Къэрэшей-Шэрджэсым и лӏыкӏуэхэр хэтащ форумым махуищкӏэ иригъэкӏуэкӏа лэжьыгъэм кърикӏуахэр щызэхалъхьэжа пленарнэ зэӏущӏэм.
Хабзэ хъуа псэкупсэ-щэнгъасэ лъапӏэныгъэхэр хъумэным ехьэлӏа ӏуэхухэми тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лӏыкӏуэхэр.