Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и благочиннэ щоджэн Якушев Александррэ Преграднэ станицэм апостол пэлъытэхэу Кириллрэ Мефодийрэ я цIэр зезыхьэ члисэм и унафэщI щоджэн Соловьев Алексийрэ IущIащ Урупскэ муниципальнэ щIыналъэм и администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и управленэм и унафэщI Иващенкэ Александр.
Зэхыхьэм хэтхэр тепсэлъыхьащ егъэджэныгъэмкIэ управленэмрэ благочинэмрэ зэрызэдэлэжьэнум. Гулъытэ лей хуащIащ сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я псэкупсэ гъэсэныгъэм.
Лъэныкъуэхэм къагъэлъэгъуащ я лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр икIи дяпэкIи зэрызэдэлэжьэнум къытеувыIащ.