ПРОХЛАДНЭМ УНАГЪУЭ ЗЭХУЭС ЩЕКIУЭКIАЩ

14.10.2026
Просмотры: 425

Прохладнэм и Покров члисэм щекIуэкIащ  епархием дин щIэныгъэмрэ катехизацэмкIэ и къудамэм и «Семья на приходе» Iуэхум хыхьэ, адэ-анэхэмрэ сабийхэмрэ я зэIущIэ. Ар теухуауэ щытащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча пащтыхь гуащэ Елизаветэ и фэеплъым.

Сабийхэмрэ адэ-анэхэмрэ еплъащ режиссёр Саварский Александр и «Ангел маленькой принцессы» анимацэ фильм Елисаветэ теухуам. КiэлъыкIуэу члисэм и унафэщI щоджэн Калинин Евгений къытеувыIащ абы и гъащIэмрэ ар члисэм зэрыхуэлэжьамрэ.

Зэхыхьэм шей ефэу пащащ.

«Семья на приходе» проектыр щыщ хъуащ гъэ еджэгъуэщIэм тхьэмахуэ школхэм я лэжьыгъэм и зы унэтIыныгъэ. ЕгъэджакIуэхэм Iэмал яIащ абы зыхагъэгъуэзэну архиепископ Феофилакт и жэрдэмкIэ шыщхьэуIу педсоветым къыщыхилъхьэри. Iуэхум тхьэмахуэ школхэмрэ екIуэлIапIэмрэ сабийхэмрэ адэ-анэхэмрэ щызэкъуигъэувэну я мурадщ.

 

425
Фотогалерея