ЗЕЛЕНЧУКСКЭ СТАНИЦЭМ ЩЫТЕПСЭЛЪЫХЬАЩ НЫБЖЬЫЩӀЭ ЩӀЭПХЪАДЖАЩIЭХЭР КЪЭМЫГЪЭХЪУНЫМ

11.10.2026
Просмотры: 422

2026 гъэм жэпуэгъуэм и 7-м Зеленчукcкэ районым и администрацэм щекӏуэкӏащ балигъ мыхъуахэм я ӏуэхухэмрэ абыхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкӏэ комиссэм и зэӏущӏэ. Комиссэм и лэжьыгъэм пашэ щыхъуащ район администрацэм и ӏэтащхьэм и къуэдзэ Дневалов Михаил.
Зэӏущӏэм хэтащ Къэрэшей - Шэрджэс члисэ округым и благочиннэ иерей Якушев Александр, хабзэхъумэ ӏэнатӏэхэм я лэжьакӏуэхэр, егъэджэныгъэ ӏуэхущӏапӏэхэм я унафэщӏхэр, район администрацэм, балигъ мыхъуахэм хабзэкӏэ я лӏыкӏуэхэр.
Зэӏущӏэм и темэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ дропперствэм и ӏуэхур — банк картэхэмрэ счетхэмрэ къагъэсэбэпу цӏыхухэр гъэпцӏагъэ схемэхэм хэшэныр. Сабийхэмрэ ныбжьыщӏэхэмрэ апхуэдэ щӏэпхъаджагъэхэм зэрыщыпхъумэнум тепсэлъыхьащ Бреславцевым и цӏэр зезыхьэ Зеленчукскэ станицэм и школ № 3-м гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкӏэ и унафэщӏым и къуэдзэ Брателевэ Марие.
Егъэджакӏуэм профилактикэ лэжьыгъэм и зэфӏэкӏымкӏэ еджакӏуэхэм ядэгуэшащ. Школым зэпсэлъэныгъэхэр, джэгукӏэ тренингхэр щрагъэкӏуэкӏ икӏи гъэпцӏагъэ пэжхэр щызэпкърах. Ар ныбжьыщӏэхэм ядоӏэпыкъу шэч къызытумыхьэн улахуэр ӏэщӏыб ящӏу, я банк картэхэр хамэхэм ирамытыфу зрагъэсэнымкӏэ.
Брателевэ Марие къыхигъэщхьэхукӏащ унагъуэм дзыхь щыхуащӏ зэхущытыкӏэхэм мыхьэнэшхуэ зэраӏэр. Адэ-анэхэм я гулъытэр сэбэп мэхъу сабийм и щытыкӏэм зэрызихъуэжым и чэзум гу лъатэнымкӏэ, щӏэпхъаджагъэ схемэхэм хэмытынымкӏэ.
Итӏанэ комиссэм хэтхэр хэплъащ балигъ мыхъуахэр зехьэнымрэ гъэсэнымкӏэ адэ-анэхэмрэ хабзэкӏэ лӏыкӏуэхэмрэ я къалэнхэр зэрамыгъэзащӀэм, УФ-м и КоАП-м и 5.35-нэ статьям къыщыгъэлъэгъуахэм. Зэӏущӏэм хэтахэми яджащ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм «административнэ хабзэхэр къызэпызыудхэм я Ӏуэхукӏэ» 2005 гъэм мэлыжьыхьым и 11-м къыдигъэкӏа закон № 40-РЗ-м и 11.1-11-нэ статьяр къызэрызэпаудам теухуа тхыгъэхэр.
Ӏуэхухэм зэрыхэплъам кърикӏуахэм япкъ иткӏэ комиссэм хъыбарегъащӏэхэр ищӏащ икӏи УФ–м и КоАП-м и 29.9-29.13-нэ статьяхэм япкъ иткӏэ административнэ къуэдыхэр тралъхьащ.

422
Фотогалерея