ПРИМАЛКИНСКЭ ЖЫЛАГЪУЭМ И КЪЭЗАКЪХЭМ АТАМАНЫР ХАХАЩ

10.10.2026
Просмотры: 475

Прималкинскэ къэзакъ зэгухьэныгъэм отчет-хэхыныгъэ щекӏуэкӏащ. Атаманым жылагъуэм и лэжьыгъэм теухуа отчетыр къигъэлъэгъуащ. Къэзакъхэми я сатырхэм щӏэхэр хагъэхьэри, атаман Шваенкэ Алексей хахащ.

Зэхыхьэм и лэжьыгъэм хэтащ Котляревскэ станицэм и Псыхуабэ и Покров члисэм и унафэщӏ иерей Арманов Николай.

Хьэщӏэ лъапӏэ хъуащ Прималкинскэ къуажэ жылагъуэм и ӏэтащхьэ Моисеевэ Аннэ. Абы фӏыщӏэ тхылъхэр яритащ жылагъуэм и лэжьыгъэм къыщыхэжаныкӏа къэзакъхэм.

475