Цӏыхум и гъащӏэм и уасэм теухуа псалъэмакъ

03.10.2026
Просмотры: 6

Новопавловск экономикэмрэ хабзэмкӏэ и Техникумым щекӏуэкӏащ «Гъащӏэм и цӏэкӏэ Зэпсэлъэныгъэ»стӏол хъурейр. Зэӏущӏэм хэтахэр тепсэлъыхьащ цӏыху гъащӏэм и уасэм, терроризмэмрэ экстремизмэмрэ япэщӏэтыным, цӏыхум и ӏуэхущӏафэхэмкӏэ ихь жэуаплыныгъэм.
Зэӏущӏэм хэтащ апостол лъапӏэхэу Пётррэ Павелрэ я члисэм и унафэщӏ иерей Гордин Александр. Щоджэныр студентхэм яхутепсэлъыхьащ цӏыху гъащӏэм и лъапӏэныгъэм, гъунэгъухэм пщӏэ зэрыхуащӏым, и ӏуэхущӏафэхэмкӏэ жэуаплыныгъэм. Абы гулъытэ хэха хуищӏащ мамырыгъэмрэ цӏыхухэм яку дэлъ зэхущытыкӏэфӏхэмрэ хъумэным мыхьэнэшхуэ зэриӏэм.
Студентхэм ягъэхьэзыращ терроризмэмрэ экстремизмэмрэ я идеологиемрэ шынагъуэншэу зэрызекӏуэ хабзэхэмрэ япэщӏэтыным теухуа докладхэр.
Зэӏущӏэр щӏалэгъуалэм сэбэп яхуэхъуащ цӏыху гъащӏэм и лъапӏэныгъэмрэ щхьэзакъуэ жэуаплыныгъэмрэ егупсысынымкӏэ, залымыгъэм и идеологием пэщӏэтын зэрыхуеймкӏэ.

6
Фотогалерея