Тепщэр Ӏущӏащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и ӏэтащхьэм

08.09.2026
Просмотры: 54

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэралыгъуэм и Махуэм Ирихьэлӏэу Налшык щыкӏуам Пятигорскрэ Черкесскрэ я архиепископ Феофилакт щӏыналъэм и ӏэтащхьэ Коков Казбек ӏущӏащ.
Псэлъэгъухэр тепсэлъыхьащ дин зэхущытыкӏэхэр гъэбыдэным, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысей псомрэ щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэшыныгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ я хабзэхэр хъумэным.
Коков Казбек архиепископ Феофилакт фӏыщӏэ хуищӏащ республикэм гулъытэ зэрыхуищӏым, абы щыпсэухэм зэрехъуэхъум, хъуэхъуфӏхэм папщӏэ. Щӏыналъэм и ӏэтащхьэм апхуэдэу къыхигъэщащ Архипастырым псэкупсэ щӏэиныр хъумэным, Къэбэрдей-Балъкъэрым и чристэн зэгухьэныгъэм зыщӏэгъэкъуэным хуищӏа хэлъхьэныгъэр.

54
Фотогалерея