СВО-М ХЭТХЭМ Я УНАГЪУЭХЭР ХЬЭЖЫЩӀ КӀУАЩ

01.09.2026
Просмотры: 498

Къэрэшей-Шэрджэсым щыщу дзэ операцэ хэхам хэтхэм я унагъуэхэм щыщу цӏыхуи 100-м щӏигъу Осетие Ищхъэрэм и лъапӏэныгъэхэмрэ щӏыпӏэ дахэхэмрэ хьэжыщӏ кӏуащ.
Гъуэгуанэр Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам тхьэлъэӏукӏэ щыщӏидзащ. Унагъуэхэм я псэкупсэ гъэсакӏуэ иерей Гурин Александр сабийхэм яритащ гъэ еджэгъуэщӏэм ирихьэлӏэу хасэм и волонтёрхэм ягъэхьэзыра канцеляр наборхэр. Щоджэнри дэтхэнэ сабийми елъэӏуащ гъэ еджэгъуэм щӏидзэным и пэ къихуэу. Итӏанэ хьэжыщӏ кӏуэхэр тхьэ елъэӏуащ бэӏутӏэӏуншэу къакӏухьыну.
Япэ махуэм хьэжыщӏ кӏуэхэр щыӏащ Алан Богоявленскэ цӏыхубз къулъшырыфым. Мыбдежым абыхэм зыщагъэгъуэзащ псэупӏэм и тхыдэм, хуейхэр псынэ лъапӏэм хыхьащ.
Етӏуанэ махуэм хьэжыщӏ кӏуэхэр щыӏащ Алан Успенскэ цӏыхухъу къулъшырыфым, итӏанэ Куртатинскэ къуэладжэм и щӏыпӏэ дахэхэм щыӏащ. Къулъшырыфхэм ахэр Тхьэ щелъэӏуащ зауэлӏхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ папщӏэ.
«Мелыӏычхэм я къалэ» фэеплъыкхъэмрэ Беслъэн къалэм и школ № 1-мрэ кӏуэурэ гъуэгуанэр иухащ. А школым 2004 гъэм фокӏадэм и 1-м террористхэм гъэрхэр щаубыдащ. Хьэжыщӏ кӏуэхэм хэкӏуэдахэм я фэеплъыр ягъэлъэпӏащ.
Гъуэгуанэр къызэрагъэпэщащ Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и волонтёрхэмрэ дин лэжьакӏуэхэмрэ, «Хэкум и Хъумакӏуэхэр» фондымрэ Хэкум и зауэлӏхэм я унагъуэхэм Къэрэшей-Шэрджэсым щаӏэ Комитетымрэ я дэӏэпыкъуэгъуу.

498
Фотогалерея