Гъэ еджэгъуэщӏэм и пэ къихуэу, Зеленчук районым Терроризмэм пэщӏэт комиссэм и план зэӏущӏэ щекӏуэкӏащ. Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и благочиннэ иерей Якушев Александр, къуажэхэм я администрацэхэм я ӏэтащхьэхэр, къарузехьэ ӏуэхущӏапӏэхэм, егъэджэныгъэмкӏэ, щэнхабзэмрэ узыншагъэр хъумэнымкӏэ ӏуэхущӏапӏэхэм я унафэщӏхэмрэ лэжьакӏуэхэмрэ тепсэлъыхьащ школхэм я шынагъуэншагъэ ӏэмалхэм.
2026 гъэм фокӏадэм и 1-м егъэджэныгъэ ӏуэхущӏапӏэхэм щекӏуэкӏынущ щӏэныгъэм и махуэм теухуа гуфӏэгъуэ линейкэхэр. Шыщхьэуӏум и 31-мрэ фокӏадэм и 1-мрэ полицэм, Росгвардием, МЧС-м я лэжьакӏуэхэм плъырыныгъэ щӏэгъэхуэбжьа яхьынущ. Линэхэм щӏадзэн и пэ къихуэу ӏэщӏагъэлӏхэм школхэм я гъунэгъуу щыӏэ щӏыналъэхэр къапщытэ. Егъэджэныгъэ ӏуэхущӏапӏэхэм пэгъунэгъуу фадэхэкӏхэр щэным и гъунапкъэхэри щагъэувынущ. Хуей хъумэ, медицинэ къулыкъущӏапӏэхэр пӏэщӏэгъуэкӏэ ядэӏэпыкъунущ. Муниципалитетым и жылагъуэ-политикэ щытыкӏэр зэпӏэзэрыту къонэ. Абы щыгъуэми гулъытэ хэха хуащӏынущ къызэрымыкӏуэ щытыкӏэ хъунухэр къэмыгъэхъуным, сабийхэм я шынагъуэншагъэм. Зэӏущӏэм хэтахэри тепсэлъыхьащ 2026 гъэм фокӏадэм и 18-м къыщыщӏэдзауэ и 20 пщӏондэ екӏуэкӏыну Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и IX зэхуэсыгъуэм и депутатхэр хэхыным зэрызыхуагъэхьэзырым. Ӏэщӏагъэлӏхэм къапщытэ хэхыпӏэхэм шынагъуэншагъэ системэхэмрэ ахэр техникэ и лъэныкъуэкӏэ къызэрызэгъэпэщамрэ. Къарузехьэ ӏуэхущӏапӏэхэм я лэжьакӏуэхэм инструктаж ирагъэкӏуэкӏынущ участкэ хэхакӏуэ комиссэхэм я тхьэмадэхэмрэ абы хэтхэмрэ папщӏэ. Ӏэ щаӏэт махуэхэм хабзэхъумэ ӏэнатӏэхэр кӏэлъыплъынущ щӏыпӏэхэмрэ абы къедза щӏыналъэхэмрэ я жылагъуэ хабзэм. Иджыри зы темэ хъуащ терроризмэм пэщӏэтынымкӏэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм зыхуэгъэхьэзырыныр. 2004 гъэм фокӏадэм и 1-3 - хэм террористхэм яубыдащ Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм хыхьэ Беслъэн къалэм и школ № 1-р. Гузэвэгъуэм хэкӏуэдащ сабийхэмрэ балигъхэмрэ. Хабзэхъумэ ӏэнатӏэхэм я лэжьакӏуэхэри къегъэлакӏуэхэри хэкӏуэдащ. Террорист ӏуэхухэм хэкӏуэдахэм я фэеплъу егъэджэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ я ӏуэхущӏапӏэхэм фэеплъ акцэхэр щекӏуэкӏынущ. Абыхэм хэтахэм ягу къагъэкӏыжынущ хэкӏуэдахэмрэ гъэрхэр къезыгъэла лӏыхъужьхэмрэ. Гулъытэ хэха хуащӏынущ щӏалэгъуалэм терроризмэмрэ экстремизмэмрэ ямыдэу, зыр адрейм пщӏэ хуащӏу, зэкъуэтыныгъэмрэ къэралым и къэкӏуэнум папщӏэ жэуаплыныгъэмрэ зыхащӏэу гъэсэным.