2026 гъэм шыщхьэуӏум и 20-м Кардоникскэ станицэм и Покров члисэм щекӏуэкӏащ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и дин лэжьакӏуэхэм я гуэныхьхэр ӏуэтэжыныр.
Гуэныхьхэр ӏуэтэжыныр къищтащ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и дин лэжьакӏуэ протоиерей Кишунов Константин
Гуэныхьхэр ӏуэтэжа нэужь, ди адэ Константин дин лэжьакӏуэхэм пастыр псалъэкӏэ захуигъэзащ. Тхьэм и унэм къакӏуэ дэтхэнэ цӏыхуми набдзэгубдзаплъэу хущытыну, пастыр гулъытэкӏэ къаухъуреихьыну къыхуриджащ.
Итӏанэ члисэм и унафэщӏым псори къуэш шхэгъуэм иригъэблэгъащ.