БОРГУСТАНСКЭМ ЗИ НЫБЖЬ ХЭКӀУЭТАХЭМ ЩЕХЪУЭХЪУАЩ ЗЭРЫЗАХЪУЭЖАМКӀЭ

22.08.2026
Просмотры: 532

Боргустанскэ станицэм и Георгиевскэ члисэм и унафэщӏ иерей Поддубный Михаил щыӏащ зи ныбжь хэкӏуэта цӏыхухэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ Цӏыхухэм социальнэ ӏуэхутхьэбзэхэр щыхуащӏэ Бгы Лъапэ комплекс центрым пӏалъэкӏэ щыпсэу и къудамэм.
Щоджэным тхьэ делъэӏуащ и нэӏэм щӏэтхэмрэ центрым и лэжьакӏуэхэмрэ я узыншагъэм теухуауэ. Итӏанэ ар тепсэлъыхьащ махуэшхуэм и тхыдэмрэ и псэкупсэ мыхьэнэмрэ.
"Зиусхьэным и зэхъуэкӏыныгъэм дигу къегъэкӏыж дэтхэнэ цӏыхури фӏэщхъуныгъэмрэ ӏуэхуфӏхэмкӏэ и псэр зэхъуэкӏыным къызэрыхураджар», - къыхигъэщащ ди адэ Михаил.
Зэӏущӏэр щиухым щоджэным и нэӏэм щӏэтхэмрэ лэжьакӏуэхэмрэ гъавэщӏэм и мыӏэрысэхэмкIэ игъэхьэщӏащ.

532
Фотогалерея