СПОРТСМЕНХЭМ МАХУЭШХУЭМ ХУТЕПСЭЛЪЫХЬАЩ

18.08.2026
Просмотры: 387

Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам щоджэн Гурин Александр «Зауэлӏ» дзэ-хэкупсэ клубым и спортсменхэм щаӏущӏащ.

Ди адэ Александр спортсмен ныбжьыщӏэхэм яхутепсэлъыхьащ Псэ Хэзылъхьэ Зиусхьэным и Жорым и Жыг Пэжхэр къызыхэкӏам, Зиусхьэным зэрызихъуэжым, Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и образ Ӏэрыщӏыр Едессэ икӏыу Константинополь зэрагъэӏэпхъуам теухуа махуэшхуэхэм. Щӏалэхэм я адэ Александр яфӏэгъэщӏэгъуэн упщӏэхэр иратащ.

Зэӏущӏэр щиухым щоджэным спортсменхэм яритащ Серафимо-Дивеевскэ псэупӏэм къраша лъапӏэныгъэхэр. Итӏанэ щӏалэхэр зиусхьэным Псэ Хэзылъхьэ Жорым зыкӏэращӏащ.

 

387